АДЫГЭ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭМ ЩЫЩЩ


             АДЫГЭ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭМ ЩЫЩЩ
            Ц1ыхухэр зэрызэмыщхьым хуэдэу лъэпкъхэри зэщхькъым, лъэпкъ къэсыху езым и дуней тетык1э, хьэл-щэн и1эжщ, адрейхэм къащхьэщык1ыу, кърац1ыхуу. Адыгэми и1эщ езым и нэщэнэхэр. Абы къик1ыркъым ди лъэпкъым нэщэнэ хуэхъуа дуней тетык1эм, хьэл-щэным хуэдэ нэгъуэщ1 лъэпкъхэм яхэмылъу. Апхуэдэу жып1э хъунукъым. Псалъэм папщ1э, адыгэм къагъэлъагъуэ  л1ыгъэм хуэдэ къалъыкъуэк1ыу къыщ1эк1ынщ шэшэнхэми, грузинми, осетиными, урысми ящыщхэм. Сэ зи гугъу сщ1ыр ди лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ щэнхэрщ, я быным, 1эулэдым яхэлъыну ди нэхъыжьхэр сыт щыгъуи зыщ1эхъуэпсхэрщ.
            Къегъэжьапхъэу къыщ1эк1ынщ, дауик1, Адыгэ хабзэмк1э.  Япэрауэ, си ф1эщ хъуркъым зы адыги щы1эу, Адыгэ хабзэм иримыгушхуэу, ар ф1эмыф1у, си быным Адыгэ хабзэр ищ1эну сыхуейкъым, жи1эу. Урыс хьэл хъуахэм, хьэрып псэук1эр нэхъ къэзыщтахэм я гугъу сщ1ыркъым. Ипэжып1эк1э Адыгэ хабзэрщ къэзыгъэувыр адыгэр хьэл-щэн дахэм тетыпхъэу. Зи гугъу сщ1ы дуней тетык1эр адыгэм хэлъын хуейуэ Адыгэ хабзэм тк1ийуэ къигъэуву, абы темытхэр емык1у ящ1у, уеблэмэ, ауан ящ1у, щ1энак1эу щытащ. Аращ хабзэри илъэс мин бжыгъэк1э еф1ак1уэ зэпыту щ1ек1уэк1ар, щ1эмык1уэдар. Арщхьэк1э къэрал законхэм теувэн хуей хъури, Адыгэ хабзэр ямы1ыгъми ягъэ  мык1ыу хъуащ. Совет властым и зэманым къэрал 1уэхущ1ап1эхэр хущ1экъуу хъуащ Адыгэ хабзэр зэрагъэк1уэдыпэным.
            Апхуэдэ политикэм и зэран хуабжьу къек1ащ адыгэм. Къулыкъущ1эхэм хабзэр 1умпэм ящ1ым, мыдрейхэр абыхэм дадэплъейуэрэ, хабзэр зехьэным сэкъат игъуэтащ, абы къыдэк1уэу адыгэм хэлъу щыта, иджыри хэлъын хуей хьэлыф1 куэд тф1эк1уэдащ. Псалъэм папщ1э, хуабжьу гуныкъуэгъуэшхуэ къуиту щытщ адыгэм тщыщ куэд пц1ы упсыным зэрыдихьэхар, фадэр зыф1эф1хэр, афияным иубыдахэр зэрымымащ1эр.
             Апхуэдэ проблемэхэр мымащ1эми, абы дэри дигъэгузавэми, нобэ зи гугъу сщ1ыну си мурадхэр адыгэм игъащ1э лъандэрэ къыдэгъуэгурык1уэ ик1и игъэлъап1э щэнхэу ГУЛЪЫТЭ, ГУКЪЭК1 хуэдэхэращ. Зыми шэч къытрихьэу къыщ1эк1ынкъым мы щэн дахэхэр зыхэлъхэм сыт щыгъуи пщ1э лей зэрагъуэтыр, нэхъыф1у зэралъагъур.
            Псом хуэмыдэу адыгэм егъэлъап1э ГУЛЪЫТЭ, ГУКЪЭК1 зи1эхэр. Ипэжып1эк1э жып1эмэ, мыбыхэм къагъэлъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъыр здынэсыр. Мызэ-мыт1эу игу къэк1ыурэ гулъытэ нэхъыжь гуэрым хуэзыщ1а щ1алэр е пщащэр 1эмал имы1эу а нэхъыжьым игу дохьэ, ф1ыуэ елъагъу, адрейхэм къахегъэщхьэхук1. Иджыи 1уэхур здэщы1эр а нэхъыжьым хуащ1ам и уасэракъым. Зы дэ закъуэк1э уигу сыкъэук1и, а дэ закъуэри кунэфу къыщ1эук1, же1э адыгэ псалъэжьым. Мыбы къегъэлъагъуэ гукъэк1 зи1э, гулъытэ зыщ1ыф ц1ыхур лъэпкъым сыт щыгъуи зэригъэпажэр, зэригъэлъап1эр. А хьэлыф1ыр зыщ1ып1и к1уакъым, куэдым яхэлъщи, ар узыщыгуф1ык1 хъуну 1уэхугъуэщ.
            Адыгэ хабзэм тк1ийуэ игъэувыркъым ц1ыхум гулъытэ ищ1ын хуейщ, гукъэк1 е гущ1эгъу и1эн хуейщ, жи1эу. Ауэ нэхъыжьым, ц1ыхубзым, хьэщ1эм, гъунэгъум пщ1э хуэщ1ын хуейуэ хабзэм къыщигъэувк1э, гуры1уэгъуэ мэхъу а пщ1э щ1ык1эм мардэ гуэр зэримы1эр ик1и щхьэж езым и акъылым къызэриубыдк1э а пщ1э зэрищ1 щ1ык1эр иригъэф1ак1уэмэ зэрынэхъыф1ыр. Апхуэдэу щыщытк1э, жып1э хъунущ гулъытэ ищ1ыныр, ф1ы игу къэк1 зэпыту щытыныр адыгэм и лъым хэту къэгъуэгурык1уэу.
            Абы теухуауэ щапхъэу къэпхь хъунущ унагъуэ ихьа адыгэ пщащэ ц1ык1ум и дуней тетык1эр, унагъуэ 1уэху щ1эк1эр, псалъэк1эр. Тэмэму гъэса бзылъхугъэ ц1ык1ум унагъуэм исхэм гулъытэ яхуищ1у, дахэу, бзэ1эф1к1э епсалъэу, тыгъэ ц1ык1у гуэрхэмк1э ягуэпэну игу къэк1мэ, езыри тыншынущ, унагъуэри арэзыуэ ек1уэк1ынущ.
            Ущыгуф1ык1ын хуэдэу щытщ махуэ лъап1эхэм, ц1ыхур къыщалъхуа махуэм ирихьэл1эу адыгэхэр зыр адрейм ехъуэхъуу, тыгъэ хуащ1у, нэхъыжьхэм як1элъык1уэурэ ягъэгуф1эу, ягъэгушхуэу щыплъагъук1э. Абы щыщщ иужьрей зэманым зиубгъуауэ жьыри щ1эри нэщ1 ик1ыжым ирихьэл1эу кхъэм зэрык1уэр (кхъэдэк1), япэм хуэмыдэу къурмэн махуэхэм зэрызэхуэгуапэр. Хьэмэрэ сыт и уасэ дэхуэхахэм, тхьэмыщ1эхэм, сымаджэхэм щыдэ1эпыкъуным деж куэдым жыджэрагърэ гумащ1агърэ къызэрагъэлъагъуэм. Хьэмэрэ ц1ыхур ф1ыуэ лъагъунымрэ гукъэк1ымрэ я ф1ыщ1экъэ мы вирусым и зэранк1э щытык1э гугъум иувахэм куэдым дэ1эпыкъуныгъэ зэрыратыр! Ахэр псори ГУМАЩ1АГЪЩ, ГУЩАБАГЪЩ ик1и лъэпкъыр зыгъэдахэ, ц1ыхухэр нэхъ дахэ зыщ1 1уэхущ.
            Аращ мы зэк1э стхынур. Куэд пхужы1энуми, абдеж сыкъэувы1энщи, тепсэлъыхьынухэм 1эмал фэстынщ пыфщэну. Ауэ зы щ1ызмыгъуу хъунукъым. Ц1ыхур ф1ыуэ тлъагъуу дыхъужмэ, хэпщ1ык1ыу ди 1уэху еф1эк1уэнущ. Аращи, ди адыгэ сабийхэр гъэсэныр нэхъ къызытехуэ псоми, властри абы хэту, егугъун хуейщ ди щ1эблэм я хьэлым ГУКЪЭК1, ГУЛЪЫТЭ, ГУМЭЩ1АГЪ зэрыхалъхьэнум.


Комментарии

Популярные сообщения из этого блога

Именем ВЧК

Из истории взаимоотношений кабардинцев, балкарцев и осетин

С какими просьбами адыги обращаются к Всевышнему