Къудей Владимир. Лъэпкъ щэнхабзэмрэ ар зэрагъэкIуэд Iэмалхэмрэ

Лъэпкъ щэнхабзэмрэ ар зэрагъэкIуэд Iэмалхэмрэ

(Мыр адыгэ сайт гуэрым къисхыжащ, сымыщ1эу срихьэл1эри - Тхьэр арэзы къыхухъу зыгуэрым адыгэбзэм къригъэзэгъащ, япэм урысыбзэк1э стхауэ щыта статьяр)
Мы гъэм и пэщ1эдзэм хъыбар къэ1уащащ Правительствэм и унафэкIэ республикэм иджыри къэс тхьэмахуэм тхуэ къыщыдэкIыу щыта газетхэр щэрыщэ фэкIа къызэрыдэмыкIыжынум теухуауэ. Си губжьыр социальнэ зэпыщапIэхэм къислъхьат, ауэ къыздэзыгъэщ1эгъуэ щ1агъуэу срихьэл1акъым – хэти ищIэн егъуэт.
ИтIани ар зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыпфIэщIым хуэдэу уигу тебгъахуэ хъун Iуэху джэгукъым. ДызищIысыр къыдэзыгъэщIэж, ди щхьэ пщIэ щIыхуэтщIыж ди къежьапIэхэм, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я пщэдейрей махуэм аргуэру зы удын къытехуауэ аращ. ЛъэныкъуитIкIэ къикI а удынхэр совет зэманым щегъэжьауэ куэд щIауэ зэхыдощIэ.
Зы лъэныкъуэкIэ, ди бзэмрэ ди щэнхабзэмрэ и импер щхьэхуещагъым емыбэкъуэф федеральнэ унафэм щIипIытIэ зэпытщ. Адрей лъэныкъуэмкIэ, дэри ди къытфIэмыIуэхуныгъэкIэ, къыдгурымыIуэныгъэкIэ ахэр дгъэкIуэдыжыным дыхуэерыщщ.
Адрейхэм ещхьу, сэри куэд щIауэ гу лъызотэ а Iуэхухэм, Iэмал зэриIэкIэ ахэр хъума хъуным солIалIэ икIи къызыфIэIуэху срихьэлIэху сигукIи си псэкIи сащогуфIыкI. Псалъэм папщIэ, уимыгъэгуфIэнкIэ Iэмал иIэкъым иджы дыдэ филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ лъэпкъыбзэхэр гузэвэгъуэ зыхэхуам, дэнэкIи щызэхахын хуэдэу, щытепсэлъыхьа и тхыгъэм. «ЩIым къытенэ лъэужь», «Мэлбахъуэмрэ лъэпкъыбзэхэмрэ» тхыгъэхэмкIэ сэри «Литературная Кабардино-Балкария» журналым утыку къыщислъхьауэ щытащ а Iуэхухэр.
Бзэхэр хъумэн зэрыхуейм и гугъу щащIкIэ Мэлбахъуэм и жыIэгъэхэр щIэх-щIэхыу сигу къокIыж. Лъэхъэнэхэм я нэхъ гугъум лIыгъэ зэрызэрахьэ дерс ди нэгу щIигъэкIауэ щытащ абы, псори урыс ящIыну щыхэт зэманым партым и унафэм пэщIэувэн мышынэу, КПСС-м и обкомым и бюром лъэпкъыбзэхэр хъумэн зэрыхуейм теухуа Iуэху къыщиIэтам щыгъуэ. А махуэм, 1968 гъэм екIуэк1а а зэхуэсым абы къыщипсэлъауэ щытар ищхьэкIэ зи гугъу сщIа тхыгъэхэми, гъусэ сиIэу къыдэзгъэкIа «Щэхуу псалъэт – псоми зэхахт» тхылъми къыщызохь. Мис мырат жиIар обкомым и секретарыр къыщыпсалъэм:
«Дэ езым ди бзэмрэ ди лъэпкъымрэ пщIэ яхуэдмыщIыжмэ, - лъэпкъым лъэпкъыу зезыгъэлъытэжыр и бзэмрэ и псалъэмрэщ, - сыт лъэпкъ гъуазджэти, лъэпкъ щэнхабзэти жытIэурэ къэджыхьу дыщIыдэтынур, апхуэдиз тхылъ анэдэлъхубзэкIэ къыщIыдэдгъэкIынур? Хэт щхьэкIэ? Зи бзэр зымыщIэжу зыщIэнуи хуэмеиххэхэм папщIэ? ИIэ-тIэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м «Налшык область» фIэдывгъэщ. Дэри зыдгъэпсэхужынщ, къэралри занщIэу пщIыкIэ нэхъыбэжу тыншыжынщ, езыри къыдэлIэлIэн хуэмеижу, дэри гугъу демыхьу…»
А къэпсэлъэныгъэр сыт щыгъуи сигу илът, фIэкIуэдын иIэ пэт, и лъэпкъым и хьэтыркIэ къекIуэкI зэхэтыкIэм пэщIэувэфа цIыхум и лIыгъэм ситхьэкъуу.
Ара къыщIэкIынщ Урысей Ипщэм хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зэрыщылэжьапхъэм щытепсэлъыхьын папщIэ, Сочэ цIыхушхуэхэр щызэхуашэса зэхуэс щхьэпэ гуэрым сыщыщыIам, зэхуэсыр езыгъэкIуэкI Печатымрэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ я федеральнэ унафэщI Сеславинский Михаилрэ Ипщэ Федеральнэ округым а зэманым и унафэщIу щыта Козак Дмитрийрэ (ар иджы Урысей правительствэм и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ) илъэсыщIэм къыщыщIэдзауэ къэрал ахъшэкIэ регион къэс газет зырыз фIэкIа зэрыщамыгъэлэжьэфынур (ари унафэхэр цIыхубэм лъэIэсын къудей папщIэ) щыжаIэм, сыкъэпсэлъэн хуей щэхъуар. ТкIийт дакъикъэ пщыкIутхукIэ фIэкIа емыкIуэкIа си къэпсэлъэныгъэр. Зи гугъу сщIахэм къадэкIуэу яжесIар мырат: «Си гугъэмкIэ, ди къэралым гупсысэн щыщIадзэр Iуэхур ящIэн ящIа нэужьщ. Лъэпощхьэпор къызыхэкIыр зэхэбгъэкI щхьэ мыхъурэ?
Сыт дэ тхуэдэу тхыдэ къулейрэ зыми къыдимыта хабзэхэмрэ зиIэ къэралым КъухьэпIэм къригъажьэу хъуамкIэ зыпищIыжын щIыхуейр? ГурыIуэгъуэкъэ лъэпкъыбзэкIэ газет, журнал, телевиденэ, радио щымыIэмэ бзэр зэрыкIуэдыжынур, абы къикIращи - лъэпкъыр дунейм зэрытебзэхыкIыжынур.
А Iуэхур псом хуэмыдэу куууэ щызэхощIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым хуэдэ щIыпIэ зыбжанэм, щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ абы. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм адыгэкIэ зэджэж къэбэрдейхэри, шэрджэсхэри, адыгейхэри хэкум пэIэщIэ ищIащ. Щхьэхуимыту хэхэс хъуахэм я щIэблэр иджы Тыркумрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ щопсэу, я анэдэлъхубзэр псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм къыщагъэщхьэпэу. Сталин ирыригъэшу илъэс щэщIкIэ Азие Курытымрэ Казахстанымрэ щыпсэуа къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я бзэр къызэрызэтенар зи фIыщIэр езыхэмрэ ди щхьэщыгум итымрэщ.
Зи гугъу сщIа лъэпкъхэм я тхыбзэр къаIурыпчрэ аргуэру апхуэдэ удын ятебгъахуэмэ - тхыдэри щыхьэтщ - абыхэм ар яхуэшэчынукъым, къыщIадзэжуи щIэрыщIэу я бзэхэр зэфIагъэувэжыфынукъым. ЩIызэфIамыувэжыфынур а бзэр зыIурылъхэм ар IуэхущIапIэхэм, къэрал IэнатIэхэм къыщагъэщхьэпэну Iэмал яIэкъыми аращ. Мыр нобэ къежьа Iуэхукъым, псори «зы тхыдэ жыпхъэм» драукIэну щыхэта совет зэманым щыщIэдзауэ къокIуэкI».
Сыкъыщыпсалъэм жысIахэр Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм зэбгратыкIауэ щытащ. Налшык сыкъэкIуэжа нэужь, Iуэхур зэрекIуэкIар президентым жесIэжмэ нэхъыфIу сегупсысащ. Япэрауэ, КъБР-м Печатымрэ информацэмрэ и унафэщIым сыщрикъуэдзэкIэ, сэри сыкъэрал къулыкъущIэт. ИтIанэ президентымрэ КъБР-м и правительствэмрэ я пресс-службэм сыщриунафэщIкIэ, къэралым щекIуэкI Iуэху еплъыкIэм республикэм и унафэщIыр щыгъуазэ сщIын хуейт.
КIуэкIуэ Валерэ тэмакъкIыхьу къызэдаIуэри, зэрихабзэу, тIэкIурэ гупсыса нэужь, зэуэ къызэфIэувэри кабинет кIуэцIым щикIукIын щIидзащ:
«Мыр япэукъым абыхэм къызэрыдащIэр, езыхэм я Iуэху еплъыкIэр къэтщтэн хуейуэ къытпаубыду. Псори пэжу яжепIащ, дэри тхузэфIэкI къэдгъанэ хъунукъым ди щэнхабзэ къызэрымыкIуэр, ди бзэхэр, ди хабзэхэр тхъумэжын папщIэ. Президент зэхуэсым Iуэхур къыщыIэтауэ щытепсэлъыхьын хуейщ…»
Валерэ апхуэдэу зэрыжиIам Мэлбахъуэр зытета гъуэгум иджыри дызэрытетыр си фIэщ ищIри сыгуфIат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы щыгъуэми нобэми зэи шэч къытесхьакъым зи бзэр зымыщIэж цIыхур и бзэкIэ къыдэкI газет-журналхэм зэремыджэнум.
Ара къыщIэкIынщ иджыпсту адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ къыдэкI газетхэм я тиражыр щIэмащIэ дыдэр. Абы къыбгуригъаIуэр сыт? Япэрауэ, а газетхэм ятекIуадэр къалэжьыжыфынукъым. ЕтIуанэрауэ, икIэщIыпIэкIэ зыгуэр къэдмыгупсысмэ - депутат лIэужьыгъуэу хъуам, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ зэщIэхъееныгъэхэм иджыпсту зэрыгъэкIиен щIамыдзэмэ, федеральнэ унафэм щIыналъэм и нэхъыщхьэхэр лъэпкъ газетхэм къэрал ахъшэ трагъэкIуадэну хуит ищIынукъым; дэ ди унафэщIхэми абыхэм зыдрагъэкIунущ, республикэ газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр зэрыхагъэщIам, лъэпкъыбзэм текIуадэ сыхьэт бжыгъэхэм зэрыкIэрачам ещхьу.
Абы къикIыр илъэс зыбжанэкIэ - лъэпкъыбзэхэр зыIурылъхэм къэхъуар къагурыIуэху - ди бзэкIэ тхыгъэ дыкъеджэжыну Iэмал димыIэжыну аращ, нобэ теленэтын деплъын Iэмалыр зэрытIэщIахам хуэдэ дыдэу. Ауэ Iуэхур гузэвэгъуэ дыдэм зэрыхуэкIуар къыдгурыIуа нэужь, дызылъэмыIэсыжыфын куэд тIэщIэкIыпауэ, хэщIыныгъэхэри абрагъуэу къыщIэкIынущ. Япэрауэ, щIэджыкакIуэхэм я IыхьэфI тфIэкIуэдынущ. ЕтIуанэу, армырми мащIэ дыдэ фIэкIа мыхъу, улахуэ мыхьэнэншэкIэ газет мыIейхэр къыдэзыгъэкI журналист тIэкIур тIэщIэкIынущ. Газетым, телевиденэм, радиом щылажьэ журналист нэхъыжьхэр зэрыщхьэщыкIуэту, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэIэщIэ хъунурэ, сыт хуэдэ щIыкIэкIэ дыIэбэми, диIам дылъэIэсыжынукъым. Аращи, дыщыпсэунщ ди Хэкум, дыкъыздикIар дымыщIэжу. ИлъэсипщI бжыгъэхэр дэкIмэ, дыщIэгушхуэ ди щэнхабзэ куури, ди хабзэжьхэри дгъуэтыжынукъым.
КъытщыщIынуращ: нэхъыжьхэм яхъумащ, езыхэр зыIууа лъэпощхьэпо псоми къыпхахри уи деж къахьэсащ, ауэ уэ уи ужь къиувахэм яIэрыбгъэхьэжыфакъым. Дыхэт дэ итIанэ? Дыгъуасэ хуэдэм «сыадыгэщ» щыжыпIэну, адыгэбзэкIэ ущыпсэлъэну (уи бзэкIэ газет къыдэбгъэкIыным и гугъу сщIыххэкъым) Iэмал ущимыIа Тыркум сыт дэ итIанэ дыкъызэрыщхьэщыкIыр?
Iуэхур абдеж щиухын къызыфIэщIхэр щоуэ. Лъэпкъыбзэхэр хъумэн хуитыныгъэр зэрытфIэкIуэду, щэнхабзэри, хабзэри, лъэпкъ дуней тетыкIэри кIуэдынущ. ЗгъэщIэгъуэнукъым пщэдей унафэщIхэм, псалъэм папщIэ, лъэпкъ театр дгъэлэжьэжыфынукъым жаIэмэ. Жыжьэ мыплъэ (щабэу жыпIэмэ) унафэщIхэм абы и закъуэкъым къуащIэфынур.
Псалъэм папщIэ, Тэтэрстаным апхуэдэ епщIэмэ, зэрызэхищIэнышхуэ щыIэкъым. Ауэ дауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуэхур зэрыхъунур, лъэпкъхэр мамыру зэдекIуэкIын, лъэпкъыбзэхэр хъума хъун, щIыналъэр мамыру псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу газетищ, журналищ, къэфакIуэ ансамблищ къэралым игъэлажьэу, абыхэм папщIэ IэщIагъэлIхэр игъэхьэзыру щымыIэмэ? Дауэ Дагъыстаным, Къэрэшей-Шэрджэсым хуэдэ лъэпкъ куэд зэрыс республикэхэр зэрыхъунур? Сыт дэ дызэрыкъуаншэр щIы дагъэ къыщIэшыпIэ, дыщэ къыщIэхыпIэ, КАМАЗ къыдэзыгъэкI заводхэр димыIэмэ? Дэра къуаншэр ди нэхъыжьхэмрэ дэрэ къэдлэжьар дыщыхуейм деж къыдитыжыну жиIэу зэщIэзыкъуа къэралыр къызэрыдэдыгъуэжамкIэ? КъызэрыщIэкIымкIэ, ар, зыми и жагъуэ иремыщIи, пцIыт. Аргуэру дыкъагъэпцIащ. Илъэс 30 хъуауэ мы щIыналъэм унафэ ткIийкIэ щрагъэжьа, къэралыр хъумэным телажьэу щыта заводхэр лэжьэжкъым. ЦIыху минипщI бжыгъэхэр уэрамым къыщыхутащ, ауэ «фыхуэныкъуэ хъумэ, дывдэIэпыкъунущ» жызыIа къэралым апхуэдэ Iуэху цIыкIуфэкIухэр къыфIэIуэхукъым.
ДылIэнкъым, абыи дыкъелынщ, ауэ а IуэхущIапIэхэр лажьэу, абыхэм къалэжьым щыщ республикэ мылъкум кIуэуэ щытатэмэ, дэ къэдлэжьыр дрикъужынут, зызэрытхъумэжын Iэмалхэри хэтыжу. КъытщIэхъуэ щIалэгъуалэр гуп-гупурэ зы цIыху ныбжь зэрыдэкIыу щахэзэрыхьын нэгъуэщI къалэхэм Iэпхъуэнтэкъым. Iуэхур абы зэрыхуэкIуар щынэрылъагъукIэ, сыт Къэбэрдей-Балъкъэрым езым хухэхауэ, лъэпкъыр, хабзэр, щэнхабзэр зэрихъумэн программэ иIэн щIыхуэмейр? Сыт ди унафэщIхэм гъуэгу тыншыр къыхахыу езыхэм къызэрамыгъэпэщар щIыхагъэкIуэдэжыр? Сыт лъэпкъ зэщIэхъееныгъэхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ щыму щIыщысыр, гъуоуэ яIэр ямыгъаджэу?!
Лъэпкъыр бгъэкIуэдын щхьэкIэ куэд ухуейкъым, псом хуэмыдэу зыми лъэмыIэс Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ауэ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж къэралым, сэ сызэрегупсысымкIэ, и лъэпкъыр имыгъэкIуэдыжу зэригъэпсэун Iуэху зэрехуэ. Апхуэдэу щытмэщ ар демократиер щызекIуэ къэрал лъэщ щыхъунур. Апхуэдэу фIэкIаи а къэралым и лъэпкъыр иригъэфIэкIуэн Iуэху зэрихуэу уи фIэщ ищIыфынукъым.

Комментарии

Популярные сообщения из этого блога

Именем ВЧК

Из истории взаимоотношений кабардинцев, балкарцев и осетин

С какими просьбами адыги обращаются к Всевышнему