ДЖАТЭ ДАХЭМРЭ АДЫГЭ НАПЭРЭ

Къэбэрдейм бийр къытеуащ, жаlэри жылагъуэу щыlэм пхъэр зэбграгъэжащ, дзэм хэтынухэр кърашэлlэну. Хьэтlохъущокъуэпщрат тепщэри унафэ ищlащ сыт и лъэныкъуэкlи загъэхьэзырыну. Дзэпщыр къриджэри, жриlащ езыр зауэм зэрымыкlуэфынур икlи и пlэкlэ и къуэр игъэкlуэн зэригугъэр, цlыхухэм емыкlу къамыщlын папщlэ.
- Узэрымыщlалэжыр псоми ящlэ, уэ зауэ уlумыхьэми зыми емыкlу укъищlынукъым, абы щхьэкlэ щlалэ цlынэр зауэм умыгъакlуэ, ягъэ кlынкъым, - жиlащ дзэпщым, ауэ пщышхуэр жиlам пхутекlынутэкъым.
Арати, пlалъэр къэсри Къэбэрдей шуудзэр бийм пэщlэуващ, лlыгъэшхуэ яхэлъу зэуащ жаlэ махуищкlэ икlи ятекlуащ, сытым щыгъуи хуэдэу. Яхуэукlыр яукlащ, яхуэмыукlыр гъэр ящlащ, зыгуэрхэри щlагъэпхъуэжащ жи, адыгэм уапэщlэмыувэм зэрынэхъыфlыр яlуэтэжын папщlэ.
Зауэм Хьэтlохъущокъуэпщым и къуэр жану хэтат, лlыгъи, хахуагъи къыщигъэлъэгъуат, шынауэ е ешауэ зыми илъэгъуатэкъыми дзэпщыр гуфlэрт, сэ си гъусэу къэгумэхакъым, жиlэри. Къуентхъыр нэхъ щlалэхэм зэхуахьэсурэ самэу зэтралъхьэрт. Зы зэман гуэрым псоми гу лъатат къуентхъым хэлъу кърахьэлlа джатэ гъэщlэрэщlам. Ар зыкlэ екlут, дахэти, зауэлlхэм псоми я нэр телыдат – lэщэ дэгъуэм емыхъуапсэ адыгэ щыlэ сытми! Ауэ зыми зыри жиlакъым – ари хабзэу къекlуэкlырт ехъуэпсэпами ябзыщlу, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, зыгуэр жыпlэмэ «Сэ къызэт!» жиlэу кърагъэкlынут, ар хабзэтэкъым.
А псор имыщlэрэт е къыфlэмыlуэхуарэ, сытми пщышхуэм и къуэр lэбэри джатэр къищтащ, и lэм иригъэкlэрэхъухьщ, епллъщ-къеплъыжри, самэм хилъхьэжащ. Зауэлlхэм гу лъамытэу къэнакъым щlалэм ищlам, ауэ зыкърагъэщlакъым, блэкlа махуэхэм къигъэлъэгъуа лlыгъэм и хьэтыркlэ – адыгэм сытым щыгъуи пщlэ хуещl лlыгъэ зыхэлъым икlи куэд хуигъэгъуфынущ апхуэдэм. Апхуэдэ зыгуэрщ «Лlыгъэ зыхэлъым и хьэ сыкъишх!» щlыжиlэжар.
Къуентхъым и гуэшыгъуэри къэсащ икlи а lуэху мытыншым иужь ихьащ дзэпщыр. Щlэмытыншрат, зауэлlым зэрихьа лlыгъэр здынэсыр къигъэлъагъуэт къыхуагъэфэща lэщэ-фащэр, шыр, lэпслъэпсыр зыхуэдэм. Ахэр зыдыхьэж жылэхэми ящlэрт, мобы е адрейм lэщэ-фащэфl къыщlылъысари, языныкъуэхэм мыхьэнэншэ фlэкlа къыщlрамытари.
Сытми, дзэпщым къуентхъыр игуэшурэ псори зэхъуэпса джатэм щынэсым, пщышхуэм и къуэм и нэхэр къэлыдащ. «Мыбы зыгуэр жиlэнурэ езыми и адэми я напэр трихынущ» жиlэри, дзэпщыр къэгузэващ икlи япэ зригъэщри, щlалэм зыхуигъэзащ:
- Лlыгъэ пхэлъу узэуащ, щlалэфl, - жиlащ абы псоми зэхахын хуэдэу. - Нобэ сытри пхуэфащэщ. Мы джатэр уэстынут, ауэ мы джатэри кlэщlщ, уэри уи фlалъэр кlыхь дыдэкъым, дауэ хъуну? Щlалэр тlэкlу лъахъшэти арат дзэпщым апхуэдэу щlыжиlар.
- Джатэр кlэщlмэ, зэ лейуэ сыбэкъуэнщи хэсlунщ бийм, къызэт уэ, зыхуэшыlакъым щlалэщlэм. Псори зэрыдыхьэшхам наlуэ къищlащ зауэлlхэр щlалэм зэрыхуэарэзыр. Джатэ кlэщl лъапlэр апхуэдэ щыкlэкlэ лъысыгъащ Хьэтlохъущокъуэхэ я къуэм.

х                 х                  х

Мы хъыбар хьэлэмэтыр сэ Къущхьэхъум къыщызжиlэжауэ щытащ зи Ахърэтыр дахэ Алыхьым ищlын Абытlэ Мусэ, Зеикъуэ щыпсэуам. 1980 гъэм сэ парторгыу абы сагъэкlуат, Муси абдеж тыкуэн щиlыгъти, махуэм жэщ хъуху дызэбгъэдэст, гъащlэм дытепсэлъыхьу, дыуэршэру. Хъыбар куэди, адыгэ уэрэдыжь куэди сригъэдэlуат, ауэ сигу схуиубыдакъым, сыгубзыгъэтэкъыми стхакъым. Дэ ерыскъы куэд здэтшхащ а гъэм, фlыуи дызэрылъэгъуат, си унэми мызэу нихьат, ауэ дауэ мыхъуами, дызэфlэкlуэдыжащ икlи илъэс зыбжанэ япэкlэ си жагъуэ дыдэ хъуауэ къэсщlащ дунейм зэрехыжар. Мы хъыбарыр абы и фэеплъу сигу илъщ.

Комментарии

Популярные сообщения из этого блога

Именем ВЧК

Из истории взаимоотношений кабардинцев, балкарцев и осетин

С какими просьбами адыги обращаются к Всевышнему