Л1ЫГЪЭРЭ ГУШХУЭНЫГЪЭРЭ ЗЫХЭЛЪ МЭЛБАХЪУЭ ТИМБОРЭ

Зэгуэрым, лIэщIыгъуэ блэкIам и 70 гъэхэм, «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») республикэ газетым жылагъуэ транспортым и лэжьэкIэм хэлъ ныкъусаныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа критикэ тхыгъэ мыин къытрадзат. А лъэхъэнэм Iуэхур зэрызэтеублар мыпхуэдэут: газетым и редакцэм критикэ тхыгъэр ар зытеухуа IэнатIэм хуигъэхьырти, абыхэм я къалэнт ныкъусаныгъэр зэрагъэзэкIуэжам теухуа жэуап зэман пыухыкIам къриубыдэу къатхыжыну. А хабзэм, иджырей зэманым хъуэпсапIэу къэнауэ зыхужыпIэ хъунум, псори тетт, армыхъумэ Iуэхур нэхъ Iеиж хъуныр зыхуэIуа щыIэтэкъым. Ар нэсынкIэ хъунут парт органхэм я деж - абы зырихуейтэкъым.

ЛЪЭПКЪЫБЗЭХЭМКIЭ къыдэкI газетхэм республикэм и унафэщIыр къыщеджэр зэзэмызэт - хунэсу къыщIэкIынтэкъым. А Iуэхугъуэм лъэпкъ газетхэм я пщIэр игъэлъахъшэрт, атIэми абы зыри пхуещIэнутэкъыми, редакцэхэм щылажьэхэм я гур фIы зэращIыр ахэр КПСС-м и обкомым, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумымрэ Министрхэм я Советымрэ я газетхэу зэрыщытырт. ИпэжыпIэкIэ, а Iуэхум лъэпкъ газетхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къиIэтырт, абыхэм я редактор нэхъыщхьэхэр партым и обкомым зэрыхагъэхьэри Совет Нэхъыщхьэм и депутату зэрыхахри хэтыжу. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а псоми зэгъусэу къагъэлъагъуэрт лъэпкъыбзэхэмкIэ къыдэкI газетхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, езы республикэри и щхьэ и унафэ ищIыжу зэрыщытыр.
НтIэ, газетым къытехуа а критикэ тхыгъэр зыхуэгъэза Автоколоннэ №1438-м и унафэщIри щыгъуазэт псоми зыхамыщIыкI Iуэхугъуэ куэдым, япэ секретарым лъэпкъ газетхэм яхуэфэщэн гулъытэ языныкъуэхэм деж зэрахуимыщIри хэту. Абы къыхэкIыу ар елIэлIакъым жэуап «тэмэм» редакцэм къитхыжыным, атIэ «Статьяр псоми къагурыIуэ урысыбзэкIэ зэвдзэкIи къысхуевгъэхьыж», - жиIэу зэрыт тхылъымпIэ редакцэм къахуигъэхьащ.
ЖыпIэнурамэ, редакцэм щылажьэхэм я нэкIур щIахулыкIауэ къащыхъуащ, къинэмыщIауэ, а унафэщIыр, езым къыгурымыIуэу, ебэкъуат анэдэлъхубзэхэм ятеухуауэ жылагъуэм щекIуэкI хабзэхэм. «Ленин гъуэгум» пропагандэмкIэ и къудамэм и унафэщIу а зэманым щыта Шырыт СулътIан (и ахърэтыр нэху ухъу) газетымрэ адыгэбзэр зыIурылъхэмрэ яхуэгъэза апхуэдэ щIэнэкIалъэ зышэчыну цIыхутэкъыми, «АдыгэлIыр тэрмэш мэлъыхъуэ» фIэщыгъэр зиIэ фельетонкIэ жэуап иритащ автоколоннэм и пашэм. Журналист IэкIуэлъакIуэм тхыгъэм къыщиIэтащ анэдэлъхубзэхэм ятеухуауэ жылагъуэм куэд лъандэрэ щызекIуэ Iуэху еплъыкIэхэр. Ину жамыIэми, абы щыгъуэ екIуэкI политикэр зыхуэунэтIар лъэпкъ щхьэхуи анэдэлъхубзи IэщIыб щащI, урысыбзэ фIэкIа щыземыкIуэ «совет цIыхубэ» цIэр зиIэ жылагъуэ къызэгъэпэщынырт.
Коммунист партым иригъэкIуэкI а политикэм щыгъуазэт жэуап къэзытыжа а унафэщIри, арщхьэкIэ абы и гугъамрэ Iуэхур къызэрыщIидзамрэ, зэрыжаIэу, шурэ лъэсрэ я зэхуаку хъуат: фельетоныр Iэрыхьат партым и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ. Мэлбахъуэр коммунист нэсу щытами, партым и политикэр дапщэщи диIыгъми, мыбдежым абы игу ирихьакъым транспорт IэнатIэм и унафэщIым анэдэлъхубзэм хуиIэ еплъыкIэр. Фельетоныр зытет газет напэкIуэцIым абы тритхауэ щытащ: «Езы унафэщIыр шофёру гъэкIуэжын хуэмейуэ пIэрэ?» Автоколоннэм и пашэм и Iуэхум бюром и зэхуэсым щыхэплъэнуи унафэ ищIащ Тимборэ.
А псом къикIарати, автоколоннэ №1438-м и унафэщIыр къулыкъум трагъэкIащ, уеблэмэ партми къыхагъэкIащ. ИужькIэ ар хыхьэжыфащ КПСС-м, абыкIэ сэбэп къыхуэхъуари а зэманым зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа, къэралым и унафэщIхэм ящыщу фIэлIыкIышхуэ куэдым зыхуаIа Суслов Михаилщ. Арат зи жэрдэмыр урысыбзэр щытепщэ совет цIыхубэ къэралым къыщызэгъэпэщыныр.
Апхуэдэу газетым и пщIэри щIыхьри хъума хъуауэ щытащ абы щыгъуэ. Обкомым и япэ секретарырат ар, дауи, зи фIыгъэр, арщхьэкIэ гурыIуэгъуэт Тимборэ партым иукъуэдия Iуэхум зэрыпэщIэуар. Абы къыхэкIыуи нэхъ сакъын хуейт, ищхьэкIэ тетхэм я губжьыр къыптрамыкъутэн папщIэ. ИтIани, ди республикэм и пашэм хузэфIэкIащ езым иIэ еплъыкIэр кIуэцIригъэкIыфын. Апхуэдэу щымытамэ, ар Мэлбахъуэ Тимборэтэкъым, атIэ хэлъ лIыгъэкIи, ерыщагъкIи, быдагъэкIи абы ефэгъуэкI нэгъуэщI гуэрт. Мэлбахъуэм хэлъа хьэл-щэнхэр наIуэ къыщыхъуат ¬республикэм мэкъумэш институт иIэн зэрыхуейр зэрыIэмалыншэр Брежневым деж щыкIуэцIригъэкIыфам щыгъуэ, Сусловыр а Iуэхум и телъхьэу щымыта пэтми. Парт дисциплинэ ткIий хэлъами, къэрал унафэщIхэм яубзыхуа политикэм темыплъэкъукIами, Мэлбахъуэм хузэфIэкIырт езым и Iуэху еплъыкIэхэр щыхьэрым щыпхигъэкIын, сыту жыпIэмэ абы быдэу и фIэщ хъурт ахэр жылагъуэм, Хэкум я зыужьыныгъэм, ехъулIэныгъэм хуэунэтIауэ зэрыщытыр.
МЭЛБАХЪУЭМ лъэпкъыбзэхэм яхуиIа щытыкIэм утепсэлъыхьмэ, ар республикэм и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэр пхуэгъэбелджылынукъым анэдэлъхубзэхэм ягъуэта зыужьыныгъэкIи ахэр хъума хъунымкIи Iуэхугъуэшхуэхэр щызэфIаха зэману. АрщхьэкIэ къыжыIапхъэщ урысыбзэр дэнэкIи щытепщэ щащIым, ар а Iуэхум нэуфIыцIщхьэрыуэу зэрыбгъэдэмыхьар, «жаIагъэххэ» жиIэу, ныпу ипхъуатэу «зэремыжэжьар». И къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ куэдым Мэлбахъуэм къыхигъэщырт ди щIыналъэм и лъэпкъыбзэхэм я къабзагъым, алыфбейхэм я щыщIэныгъэхэм, лъэпкъ литературэхэм я зыужьыныгъэм зэрытегузэвыхьыр.
Лъэпкъыбзэхэм яIэ щытыкIэмрэ «лъэпкъ Iуэху» жыхуаIэмрэ къыгуэхыпIэ ямыIэу зэпхащ, уеблэмэ анэдэлъхубзэм ехьэлIахэращ лъэпкъыр дапщэщи нэхъыбэу зыгъэпIейтейр. Бзэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыбдеж сэтей къыщысщIынкъым, итIани къыхэзгъэщыну сфIэигъуэщ унафэщI акъылыфIэу, жыжьаплъэу дапщэщи щыта Мэлбахъуэ Тимборэ лъэпкъ Iуэхум кIэлъыплъу, абы егъэлеиныгъэ гуэрхэр къыхэмыхьэным и нэIэ тригъэту зэрекIуэкIар. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я пщIэр, щIыхьыр IыгъынымкIэ, абыхэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъынымкIэ лъэкI къигъэнакъым абы.
Къапщтэмэ, 1957–1958 гъэхэм республикэм къэзыгъэзэжа балъкъэрхэм ягъуэта къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм я нэхъыбапIэр зи жэрдэмыр Мэлбахъуэрат. Абыхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр мащIэкъым. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм утыку къихьауэ щыта «хэкупсэ нэсхэм» Мэлбахъуэр ягъэкъуаншэу жаIэрт абы адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ ¬лъэпкъышхуэм хигъэшыпсыхьыжыну хэтауэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр, дауи, лъабжьэншэщ. Мэлбахъуэ Тимборэ лъэпкъ Iуэхум, бзэхэм ехьэлIа псоми ирипIейтейуэ, абыхэм куууэ хищIыкIыу зэрыщытам и щапхъэ наIуэщ анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ егъэджыным теухуауэ КПСС-м и обкомым и бюром и зэхуэсым 1968 гъэм и дыгъэгъазэм къыщипсэлъауэ щытар.
А Iуэхум бюром щытепсэлъыхьыныр зи жэрдэмыр езы Мэлбахъуэрат. Къэралым, партым я унафэщI лIыщхьэхэм я деж пщIэшхуэ щызиIэ Тимборэ тегушхуэу, зыкIи мышынэу а Iуэхур утыку къызэрырилъхьамкIэ абы къыгуапхэфынут «национализм» псалъэр. Езым жиIэжу зэрыщытамкIэ, Iуэхум хэзыщIыкIхэм ящыщу нэхъ сакъхэр зэран къыхуэхъуащ анэдэлъхубзэм теухуауэ щыIэ Iуэху къиинхэр псори къызэщIикъуэну. Зи гугъу ищIыну хэта псори къызэщIимыубыдэфами, а бюром и зэхуэсым Мэлбахъуэм къыщипсэлъауэ щытахэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым, уеблэмэ нэхъри нэхъ зыхэпщIэ хъуащ.
Анэдэлъхубзэм щытепсэлъыхькIэ, Мэлбахъуэм къызэрыхигъэбелджылыкIамкIэ, «ар Iуэху къызэрыгуэкIкъым, Iэдэбагъ зыхэлъ, унафэ зытещIыхьын, зэгупсысын хуей Iуэхущ, политикэ Iуэхущ. Абы унафэ тезыщIыхьын хуейри дэращ, зыми дыщымыгугъыу. А Iуэхур зэфIэхыным зэпыIузыдз, абы къисынкIэ шынэ дэтхэнэ цIыхури - ар цIыхуфIкъым, коммунисткъым, интернационалисткъым. Ди анэдэлъхубзэм, ди лъэпкъым (лъэпкъыр лъэпкъыу нэхъыбэу къызэралъытэ нэщэнэр бзэ хэха зэриIэрщ) дэ езым пщIэ хуэдмыщIыжмэ, сыт лъэпкъ гъуазджэм, лъэпкъ щэнхабзэм, уащIытепсэлъыхьынур, апхуэдиз лъэпкъ литературэ щIытебдзэн хуейри сыт? Хэт щхьэкIэ? Зи бзэр зымыщIэ, зыщIэну хуэмейхэра? АтIэ абы щыгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р Налшык область дывгъэщIыж. Псори дытыншынут зэуэ, къэралри пщIыкIэ нэхъ мащIэу къыдэлIэлIэнут, нэхъ тыншынут…»
Тимборэ Къубатий и къуэм и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ лъэпкъ зыужьыныгъэм ехьэлIа псори, социалистическэ еплъыкIэмкIэ, иджыри зытепсэлъыхьын хуей Iуэхугъуэхэу зэрыщытыр.
АдэкIэ Мэлбахъуэм, сакъыныгъэ псори IэщIыб ищIауэ, и гупсысэ нэхъыщхьэр къеIуатэ: «Мис, адэ-анэхэр хуэмейуэ жаIэ (я бынхэм адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр ирагъэджыну - Къу. В.). Уи бзэр пщIэжыну ухуэмейрэ - ухуэмейтIэ. Абы щыгъуэ къыумыгъэсэбэп адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ яIэ хуитыныгъэ хэхахэри. Зы илъэс къанэркъым ди лъэпкъхэм ящыщ цIыху 40-50 къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм дымыгъакIуэу, зэпеуэхэм хэмыту абыхэм щIэдмыгъэтIысхьэу. Налшык университет къыщIыщызэIуахар Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзырынырщ, армыхъумэ мыр Налшык областу аракъым. Дэ дыхущIокъу а къалэныр зэфIэтхыну, ди лъэпкъхэм къахэкIа IэщIагъэлIхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэтщIу. «Университетым нэхъыбэу щеджэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэщ», - жызыIэурэ Iущащэхэм фащымышынэ. Апхуэдэу щытщ икIи щытынущ. Дауэ-тIэ нэгъуэщIу? Ди партым иригъэкIуэкI лъэпкъ политикэм и мыхьэнэр сыт-тIэ итIанэ? Дауэ нэгъуэщIу лъэпкъ щIыналъэ цIыкIухэр нэхъ зызыужьахэм зэралъэщIыхьэнур? Дауэ лъэпкъхэм я лъэхъуэщу жыхуаIэу щыта къэралыр зэш лъэпкъхэм я унагъуэ лъэщ зэрыпщIынур?»
Апхуэдэу Мэлбахъуэ Тимборэ и щхьэр течауэ тепсэлъыхьащ а лъэхъэнэм убзыщIмэ, къыумыIэтмэ нэхъыфIынкIэ хъуну щыта Iуэхугъуэхэм. СыткIэ щIэпхъумэфын ар, а лъэхъэнэм Iуэхур здынэсар арати, автобусхэм исхэр, нэгъуэщI зэхуэсыпIэхэм щызэхуэзэ цIыхухэр я анэдэлъхубзэмкIэ зэпсэлъэжыну хуимыту хъуакIэт, «Псоми къагурыIуэ бзэмкIэ фыпсалъэ!» - ущие псалъэхэр губжь хэлъу къыщраутIыпщи щыIэу.
Лъэпкъыбзэхэр кIуэдыжынымкIэ щыIэ шынагъуэр, лъэпкъ цIыкIухэр нэхъ инхэм яхэзэрыхьыжынкIэ зэрыхъунур Мэлбахъуэ Тимборэ ирипхырт адыгэ, балъкъэр алыфбейхэр нэсу зыхуей хуэзауэ зэрыщымытым. Пэжу, дамыгъэ зыщыплIкIэ къэгъэлъэгъуа хьэрф зэгуэтхэр сабийхэм тыншу къащтэртэкъым, нэгъуэщI щыщIэныгъэхэри щыIэт. Партым и обкомым и бюром къищта унафэ щхьэхуэм ипкъиткIэ, а алыфбейхэр езыгъэфIэкIуэн комиссэ гупитI къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абыхэм хыхьэрт щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, творческэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, арщхьэкIэ Iуэхум зыри къикIакъым. Мэлбахъуэм хуигъэфащэрт Iуэхур и пIэм зэримыкIыр зи зэраныр ар зи пщэ ирилъхьа къулыкъущIэхэр арауэ, арщхьэкIэ абы зыри хуещIэртэкъым - апхуэдэ къару лъэщ иIэт (иджыпстуи аращ) бюрократизмэм.
ЗыгъэпIейтей а Iуэхугъуэм республикэм и унафэщIым иджыри зэ къыщытригъэзэжауэ щытащ партым и бюром и зэхуэсым. «Ди лъэпкъыбзэхэм яIэ иджырей узыгъэгузавэ щытыкIэр нэхъыбэу зэпхар абыхэм я алыфбейхэр зыхуей хуэзауэ зэрыщымытырщ, - къыхигъэщырт абы. - Мы зыхъумэжыныгъэм кIэ иIэну? Лъэпкъ Iуэхум щытепсэлъыхьым, Лениным жиIэгъауэ щытащ бзэкIэ, хьэл-щэнкIэ урыс хъуа, ауэ нэгъуэщI лъэпкъым щыщыр, ар лъэпкъ зыхэIэтыкIыныгъэм къыхуезыджэ (шовинист) цIыху шынагъуэщ. ЖысIэну сызыхуейращи, уэ, ныбжьэгъу ШэджыхьэщIэ (партым и обкомым идеологие IуэхухэмкIэ и секретарь - Къу. В.), алыфбейхэр егъэфIэкIуэным гулъэф уахуохъу: илъэс 15 мэхъу алыфбейм фызэрелэжьрэ. А зэманым къриубыдэу сыт хуэдиз Iуэхугъуэ инхэр щызэфIэкIа щIым, щIы щIагъым, хьэуам, псым, псы щIагъым? АрщхьэкIэ алыфбейр зыхуей хуэгъэ¬зэжыным хурикъуакъым илъэс 15-р. ЕгъэджакIуэ 50-м я щыщу диктантыр тэмэму зыхуэтхыфар 9 фIэкIа зэрымыхъур ар ауанщ. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэр гурыIуэгъуэщ: бзэхэр зэпэгъунэгъу мэхъу, зэхыхьэжыным хуокIуэ. Ди дежкIэ нэрылъагъущ а зэхыхьэжыныгъэр (хамэ къэралхэм я гугъу сщIыркъым, ди хэкуращ сызытепсэлъыхьыр) урысыбзэр и лъабжьэу зэрекIуэкIыр. Къыхэтха гъуэгури - адыгэхэри балъкъэрхэри япэ классым къы¬щыщIэдзауэ урысыбзэкIэ егъэджэныр - ар захуагъэщ, тэмэмщ. Ауэ, ныбжьэгъухэ, мыхъумыщIагъэщ адэкIэ-мыдэкIэ зыдзыныр. Ари зы лъэпкъыр адрейм ефIэкIыу къэзылъытэ идеологиещ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ».
Иджыри зэ къыхэзгъэщынщи, дэтхэнэ политикми «националист» фIащыну щыхьэзыр а лъэхъэнэхэм апхуэдэу укъэпсэлъэныр зыбукIыжыным хуэкIуэт. АрщхьэкIэ Мэлбахъуэм зы Iуэху гуэркIэ фIэщхъуныгъэ быдэ хэлъмэ, ар еплъыртэкъым абы къикIынкIэ хъунум, атIэ гушхуэныгъэрэ къэгъазэрэ имыщIэу, ар зэфIэха зэрыхъуным хущIэкъурт. Тимборэ Къубатий и къуэм илъэс куэдкIэ дэлэжьахэр щыгъуазэт абы и бгъэ жып сэмэгум ¬зыгуэрхэр зритхэ тхылъ цIыкIу сыт щыгъуи зэрилъым. Шэч зэращIымкIэ, «Гъурым» (арат абы щэхуу куэд зэреджэр) абы иритхэрт къыдэлажьэхэм ятеухуа, ахэр зэрыбгъэкъуаншэ хъуну гуэрхэр. Апхуэдэ тхылъ цIыкIухэр Мэлбахъуэм зэрихьащ 1956 гъэм къыщыщIэдзауэ. Ар дунейм ехыжа нэужь, наIуэ къэхъуащ а тхылъ цIыкIухэм ита псори. Апхуэдэхэм унафэщIым иритхэхэр къыдэлажьэхэм зыкIи епхатэкъым, атIэ и кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуа гупсысэ Iущхэрат. Абыхэм ящыщ зым итщ, псалъэм папщIэ: «Хэкупсэ нэсу зэи ущытыфынукъым, интернационалисту ипэжыпIэкIэ ущымыту. НэгъуэщIу жыпIэмэ, интернационалист нэсыращ къызыхэкIа и лъэпкъыр гурэ псэкIэ, пэжу, хьэрэмыгъэншэу зылъагъуфынур. НэгъуэщI лъэпкъ гуэрым и хуитыныгъэхэр, пщIэр дикъузэурэ езыр къызыхэкIа лъэпкъым хэт сыт хуэдэ мылъку хузэригъэпэщми, ар абы хъугъуэфIыгъуэ яхуэхъунукъым, атIэ, гуващIэхами, тIуащIэу яфIэкIуэдыжынущ».
Езы Тимборэ Къубатий и къуэм адыгэбзэр нэсу Iурылът, хуей хъумэ, бзэ къулейкIэ, дахэкIэ псэлъэнут. Балъкъэрыбзэми фIыуэ щыгъуазэт, псалъэ куэд ищIэрт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Макитов Сэфар щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Мэлбахъуэр а бзэмкIи псэлъэфырт. А псори абы зэран къыхуэхъуакъым урысыбзэр къызыхуэтыншэу зригъэщIэнымкIэ. къыдэлэжьахэм зэрыжаIэжымкIи, Мэл бахъуэр дэфтэрхэм зэрелэжьым хуэдэ Iэзагъ зыхэлъ къулыкъущIи гъуэтыгъуейт.
А псоми щIыбгъуж хъунуращи, лIыгъэрэ гушхуэныгъэрэ зыхэлъ цIыхуращ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ Iуэхушхуэхэр къэзыIэтыфыр, къэралым щекIуэкI политикэм емылъытауэ, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунухэм папщIэ мышынэу. Апхуэдэт Мэлбахъуэр, абы и Iуэху еплъыкIэхэр ихъуэжынутэкъым, нэгъуэщIым игу фIы ищIын папщIэ. И бгъэ жыпым илъу зэрихьэ тхылъ цIыкIу цIэрыIуэхэм ящыщ зым абы иритхат зэгуэрым: «Нэхъ хахуэу, нэхъ тегушхуауэ щытын хуейщ. ЦIыхум, псом хуэмыдэу унафэ зыIэщIэлъым, Iуэхугъуэ гуэрхэр зэфIэхынымкIэ Iэмалу бгъэдэлъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Тегушхуэн хуейщ!»
Мис апхуэдэт Мэлбахъуэр.

КЪУДЕЙ Владимир,
журналист, тхыдэдж.

Комментарии

Популярные сообщения из этого блога

Именем ВЧК

Из истории взаимоотношений кабардинцев, балкарцев и осетин

С какими просьбами адыги обращаются к Всевышнему