Сообщения

Сообщения за июнь, 2020

АДЫГЭ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭМ ЩЫЩЩ

             АДЫГЭ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭМ ЩЫЩЩ             Ц1ыхухэр зэрызэмыщхьым хуэдэу лъэпкъхэри зэщхькъым, лъэпкъ къэсыху езым и дуней тетык1э, хьэл-щэн и1эжщ, адрейхэм къащхьэщык1ыу, кърац1ыхуу. Адыгэми и1эщ езым и нэщэнэхэр. Абы къик1ыркъым ди лъэпкъым нэщэнэ хуэхъуа дуней тетык1эм, хьэл-щэным хуэдэ нэгъуэщ1 лъэпкъхэм яхэмылъу. Апхуэдэу жып1э хъунукъым. Псалъэм папщ1э, адыгэм къагъэлъагъуэ   л1ыгъэм хуэдэ къалъыкъуэк1ыу къыщ1эк1ынщ шэшэнхэми, грузинми, осетиными, урысми ящыщхэм. Сэ зи гугъу сщ1ыр ди лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ щэнхэрщ, я быным, 1эулэдым яхэлъыну ди нэхъыжьхэр сыт щыгъуи зыщ1эхъуэпсхэрщ.             Къегъэжьапхъэу къыщ1эк1ынщ, дауик1, Адыгэ хабзэмк1э.   Япэрауэ, си ф1эщ хъуркъым зы адыги щы1эу, Адыгэ хабзэм иримыгушхуэу, ар ф1эмыф1у, си быным Адыгэ хабзэр ищ1эну сыхуейкъым, жи1эу. Урыс хьэл хъуахэм, хьэрып псэук1эр нэхъ къэзыщтахэм я гугъу сщ1ыркъым. Ипэжып1эк1э Адыгэ хабзэрщ къэзыгъэувыр адыгэр хьэл-щэн дахэм тетыпхъэу. Зи гугъу сщ1ы дуней тетык1эр адыгэм хэлъын хуейу