Сообщения

Сообщения за июль, 2020

АДЫГЭМРЭ БЛЭГЪУМРЭ (АДЫГИ И БАРАНЬЯ ЛОПАТКА)

  Адыгэхэм я хабзэщ мэл, бжэн яук1амэ абы и блэгъум иплъэу, къэхъуну-къэщ1энухэр къащ1эу. Мыбы хъыбар куэд и1эщ, ауэ мыпхуэдэ зы хъыбар гуэри щы1эщ, блэгъу къутэныр хабзэ щ1эхъуар зыкъомк1э нахуэ къищ1у.           Къызэра1уэтэжымк1э, гъуэгу тет адыгэпщ гуэр бысым хуэхъуам къыхуиук1а щынэм и блэгъум иплъэрэ пэт, къыбгъэдэсхэм яжре1э а жэщым мыбэлэрыгъыну. Хьэщ1эм щ1емыдэ1уэн щхьэусыгъуэ я1этэкъыми, бысым щ1алэхэм загъэхьэзыращ ик1и абы хущ1егъуэжакъым: а жэщым я бийхэр къатеуащ, ауэ хуэхьэзырти, ирахужьэжащ.           Иджыри зы хъыбар абы теухуауэ. Зэкъуэшит1 хамэ къуажэ щыхьэщ1эт, жи. Махуэ гуэрым къуэш нэхъыжьыр 1уэху гуэрк1э дэк1ауэ гувауэ къигъэзэжат. Къыздэк1уэжа бысымым и шынэхъыщ1эр щилъагъуртэкъыми, здэщы1эмк1э щ1эупщ1ащ. Бысымым зэри1уэтамк1э, къэхъуа-къэщ1ар зыми къыгуры1уакъым, пщыхьэщхьэшхэ ящ1у здэщысым щ1алэр блэгъум иплъащ ик1и зыми зыри жримы1эу зэуэ-зэпсэу зыкъи1этщ, шы-уанэр зытрилъхьэри, дэк1ыжащ.             - Къысхуэфхьыт ар зэрыплъа блэгъур, - лъэ1уащ хьэ